Внеклассное занятие «Адыгский этикет. Уважение старших» (3 класс)

1
0
Материал опубликован 22 October 2018 в группе

Внеклассное занятие

Тема:

Адыгский этикет. Уважение старших.

 

Учитель: Мижаева М.Г.

Инжыджышхуэ къуажэ

2017 г

1. Пэщ1эдзэ классхэмщеджэ ц1ык1ухэм я бзэмзегъэужьын.

2. Сабийхэрщыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыжлъандэрэадыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэгъуэзэджэхэм.

3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэбалигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуаптэмэметын.

4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэмхуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.

5. Адыгэхабзэммыхьэнэшхуэбалигъхэмисабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.

6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэмзэриувэркъэзыгъэлъагъуэусэхэм, псалъэжьхэм.

(Уэрэд «Жьым фымыщ1 и жагъуэ»)

Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!

Фыкъеблагъэди хьэщ1э лъап1эхэ!

Сэламгуапэфыдох!

Егъэджак1уэ: Диадыгэхабзэм и фащэнэхъапэдыдэхэмящыщщ, адыгагъэмрэадыгэнэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэрлъытэныр, сабиймхуэсакъыныр, гъэсэныгъэхэлъхьэныр.

Мы зигугъу сщ1а 1уэхугъуэ псомиухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъуадыгэунагъуэмсабиймщигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.

Къэтщтэнщнобэнэхъдызыгъэгузавэзы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращдипсалъэмакъризытеухуауэщытынур.

Тхыдэмуриплъэж нэужьк1э, лъэпкъкуэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьыхъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзамяшэрэкъагъанэузэрыщытар. Апхуэдэхъыбархэтщдиадыгэ 1уэры1уатэми.

Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэнартхэмкъахилъхьа хабзэф1ым теухуахъыбарым.

Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэБэдынишатбгымщидзыну, ауэгу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.

Гъейщыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.

Мы хъыбырымкъыщежьэу жып1э хъунущнэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьыхъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.

Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм

ялъытэущытакъым.

«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым» же1э адыгэпсалъэжьым.

Нэхъыжьым и унафэмкъару щимы1э унагъуэмноби «хабзэмыщ1э унагъуэщ» хужа1э.

Ат1э сыт хуэдэхабзэнэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэадыгагъэмкъигъэуврэ?

Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.

1. Нэхъыжьухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэнэхъапэ ф1эхъус епхынхуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэнэхъапэуи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитырезынэхъыжьырщ.

2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэнхуейщ.

3. Нэхъыжьгъуэгумкъыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэгуэрымуисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэспшэныруиадыгэкъалэнщ.

4. Нэхъыжьщытмэ, нэхъыщ1эр нэмысыф1эу щытыпхъэщ. «Хэтхэ, ей а ц1ыху мыгъасэр?» къыпхужамы1эн папщ1э.

5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигуиримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэриузэриувэнурзэизыщумыгъэгъупщэ. Нобэуэнэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдейуэ къыпхуащ1ыжынщ.

6. Нэхъыжь блэк1ыу инуупсэлъэныр, е инуудыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.

7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уижыпымилъу, тутынуефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.

8. 1энэ ущыпэрыт1ысхьэк1э, гупухэтмэ, пхуэмыфащэ т1ысып1э умыт1ыс. Адыгэ 1энэм хабзэшхуэ щызок1уэ. «Жьант1ак1уэу ущымыт, узэрыщытырялъагъунщ» же1э адыгэпсалъэжьым.

9. Нэхъыжьуигъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.

10. Нэхъыжьымирифынузыгуэр щептк1э, кружкэр лъащ1эмк1э уи 1эгум иту и къурзэптымхуэгъэзауэетынхуейщ. Нэхъыжьыр псы щефэк1э утэджынхуейщ. «Уихьэлэлщ» жы1эн хуейщ.

11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным ху-к1элъыплъ, и вакъэрхуэгъэкъабзэ.

12. Жьыхъуампсалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1-къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъынхуейщ.

13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджынхуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысынырнэмысыншагъэщ.

14. Нэхъыжьщыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхамдеж т1ысыркъым.

15. Нэхъыжьымнэщхъыдзэу, пхъашэуепсалъэркъым, абы зыпа-щ1ыжу псалъэркъым.

16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэубгъэшхэнырхабзэмкъе- мык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.

17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжьгуэрымнэмэз ищ1ыну зи-гъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.

18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уилъэпкъым и къежьап1эм.

19. Хабзэмузэрыхущытымхуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.

Егъэджак1уэ: Ц1ыхухэм яку дэлъ пщ1эр, нэмысыр, гулъытэрщгу-къыдэжкъайзытыр. Адыгэмауэсытми жи1эркъым: «Ц1ыху ц1ыхущыжщ» жи1эу. Гуапэусэламкъозыхым, къыпщ1эупщ1эм, гулъытэ къыпхуэзы-щ1ым къарукъыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ, гъащ1эм ущегъэгуф1ык1. Аращгуапагъэмрэ нэщхъыф1агъэмрэ адыгэхабзэмлъабжьэбыдэ щ1ыхуэхъури.

Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэнэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнмизы мащ1э дыдэщузыхуейр.

Зэрызэхэтхащи, псомиадыгэхабзэр дощ1э. Ауэ, 1эмал имы1эу а хабзэпсори гъащ1эм къыщыдгъэсэбэпын, ар дихьэл-щэнымкъыхэщущытынхуейщ. Дижагъуэзарыхъунщи, языныкъуэ ц1ык1ухэм хабзэрщащыгъупщэж щы1эщ. Дедэ1уэнщ таурыхъ зи1э адыгэпсалъэжьым. «Шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?».

Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъа-къуэхэрзэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэмдыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъумХьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:

- Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.

- Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжьунэсмэ, зырииумытукъуатынщбашыр – жи1ащ л1ыжьым.

Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэщыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).

Ат1э иджы дедэ1уэнщ. ДжаурджийХь. итхарассказ к1эщ1 ц1ы-

к1ум.

Еджак1уэ: Еджэняухришколым къыщ1эк1ыжауэ АслъэнрэМуратрэунэм къэк1уэжырт. Абыхэмкъалъэгъуащтыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэрилъучыматэхьэлъэ и1ыгът. Аслъэнтхылъылъэр Мурат иритринанэматэр къы1ихащ. Абы нанэрунэмнигъэсыжрикъи-гъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:

- Хэт а зиматэрзыхуэпхьыжар?

- Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.

Уэуинанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэурипхъурылъху?

- Хьэуэ, си нанэкъым.

- Ат1э фи гъунэгъу?

Хьэуэдигъунэгъукъым.

- Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?

- Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.

- Ауэнанэщ.

(Сыт хуэдэукъыхэщрэХьэсэн мы дыкъызэджарассказым?)

Егъэджак1уэ: Иджыди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.

(Уэрэд «Жьыхъуа ц1ыхухэр ф1ыуэ флъагъу»).

Еджак1уэ:

«Псалъэжагъуэ».

Зэгуэрымсемыгупсысу

Зыпсалъэ къызжьэдэк1ат.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри,

И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.

К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,

Зыпсалъи къызжимы1ат.

И 1элъэщ1 к1апэм щэхудыдэу

И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Сык1элъыпхъуэнут, слъэк1ам.

Ауэ, шэмхуэдэкъэпсалъэр,

Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.

Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу

Сэмахуэпсор есхьэк1ат.

Мамэ и жагъуэхъунпсалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?

Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,

Си псэмщыщхъуауэкъысхэлъым

Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?

Анэгухэмнэхърэнэхъ п1ащ1э,

Нэхъмахэумыгъуэтын.

Зымыхьэнэншэукъыпщыхъури,

Яхуохъурахэмудын.

Дахущывгъэтнэхъ гумащ1эу

Анэхэмдахуэвгъэсакъ.

Сэпсалъэжагъуэ жыс1ар зэ,

Зезгъэ1этауэ си макъ

Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,

Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.

МыкъуэжьАнатолэ.

Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощпсалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдымепхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэннэхъыщхьэргъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэукъыхэщу п1эрэ зэик1 жьымыхъупсалъэжьхэмнэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?

Еджак1уэ: (зэпеуэ)

1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уищхьэ лъап1э хъунщ).

2. Зинэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).

3. Жьымеубзи (щ1эр гъэгушхуэ).

4. Нэхъыжьымжьэет, (нэхъыщ1эм гъуэгует).

5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)

6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым - (к1элъок1уэ);

7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).

8. Жьызэрымысымнэмысилъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).

9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэкъыплъысынщ).

10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).

11. Жьырщхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).

12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).

13. Ужьмэжьыхуэдэщыти, (ущ1эмэ, щ1э хуэдэущыт).

Еджак1уэ: «Нэхъыжьымхуэфащэщ пщ1э лей».

Ди нэхъыжьыф1хэм фи махуэ лъап1эм

Хъуэхъубжьэрфхуэфащэу щыф1эт.

Гупырвгъэдахэу, хъуэхъудахэ ф1эту,

Куэдрэ дэ фыкъытхэт!

Ди нэхъыжьыф1хэу дыкъэзылъхуахэм,

Фи жьыщхьэрмахуэфхурехъу!

Бынхэр вгъэгуф1эу, къалъхуахэр вгъаф1у

Ди гъащ1эм щапхъэфыхуэхъу.

Дадэ жьак1эхухэ, нанэ щхьэц1 тхъуахэ,

Жьыгъэри гъащ1эм и ныбжьщ.

Жьыгъэм фытек1уэу, зытевмыгъак1уэу

Ди нэхъыжьыф1хэр фыпсэу!

Фи щхьэцыртхъуами, набгъэфыхъуами,

Фи илъэсбжыгъэмжьыфэ фищ1ами,

Жьыгъэр зы1эту ц1ыхугъэ дахэм

Жьыфимыгъэхъууфыпсэу!

Еджак1уэ: «1эбу ц1ык1у».

Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,

Зыпызупщ1ыркъым и гъуэгу.

Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.

Хабзэмхъурэудэджэгу!

Дадинани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,

Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъымщхьэузыхъсыхуэхъуи.

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ, жьысыщыхъум

Згъуэтужыныр, нобэ сщ1арщ.

Еджак1уэ:

«Дадэрэнанэрэ».

Дадэхъыбарсэ къызже1э,

Нани ищ1э шыпсэхэр сегъащ1э.

Дадэкуэдрэсэ къыздогушы1э,

Нанэ сытым дежи схуогумащ1э.

Сыкъиинмидадэ зысхуешы1э,

Сыгъынанэми, нанэзы жимы1э.

Т1у имыщ1у сэдадэ сыт жызмы1эм

Нанэхуэдэукъысхуэсакъ щымы1э.

Дадэ 1эджэрэ гуф1эу схуожы1эщ1э,

Нанэ и 1эф1агъыр фэ фымыщ1э.

Дадинани си псэмхуэдэщ,

Сэабыхэмсахэмыдэ –

Зым фимы1э ахэмхуэдэ.

Жылэтэж С.

Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, иджы жыдывгъэ1эт, сыт хуэдэгъэсэныгъэкъыхэфха едгъэк1уэк1а псалъэмакъым?

1. Нэхъыжь и лъэ1у умыгъэзэщ1эныр емык1ущ.

2. Жьыхъуар дэ1эпыкъуэгъуншэ пщ1ы хъунукъым.

3. Уианэ и жагъуэ пщ1ыныр, уиадэ уемыдэ1уэныр.

4. УиХэку, уилъэпкъ уепц1ыжыныр.

5. Хабзэмузэрыхущытымхуэдэущ, гъащ1эри къызэрыпхущыты

жынур.

Еджак1уэ: Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!

Нэхъыжьымхуэфащэщ пщ1э лей!

1эгур вгъэлъалъэ, пшынэрвгъэпсалъэ,

Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!

«Адыгэкъуажэ». (сабийхэмуэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).

в формате Microsoft Word (.doc / .docx)
Комментарии
Комментариев пока нет.